Перевод: c черкесского на русский

с русского на черкесский

хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ

  • 1 амыщ

    ( хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ) миф. бог животных и покровитель пастухов
    / Iэщхэм я тхьэ.
    * Тэхъуанэбжэм IуокIыж Ахумыди дапхъэ лъахъшэм зыщрегъэщI, и куэщIми Амыщ щелъагъу. Нарт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > амыщ

  • 2 аушыджэр

    (хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ) дин. устар. мифическое божество ( Святой Георгий)
    / Муслъымэн диным ихьэн япэ, адыгэхэм зауэлIхэм, мэкъумэшыщIэхэм я телъхьэу къалъытэу щыта тхьэм зэреджэ.
    * Аушыджэрыр си щыхьэту Къамбот псалъэ сэ естащ. Лъагъуныгъэм лъытэныгъэ хуэзымыщIми сигу щыкIащ! Щ. А.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > аушыджэр

  • 3 вагъуэбаш

    (хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ) созвездие Жирафа
    / ЗанщIэу зэкIэлъыкIуэу гъэмахуэ жэщ ныкъуэм деж къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыблэ вагъуищ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > вагъуэбаш

  • 4 вагъуэбэ

    (хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ) созвездие Тельца
    / КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэ вагъуэ зэрыбын.
    * Вагъуэбэр гъавэм хэплъамэ, къэкIыгъэхэр псори хохъуэ. (погов.)

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > вагъуэбэ

  • 5 вагъуэзэшибл

    (хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ) созвездие Большой Медведицы
    / Ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ уафэм щыблэ вагъуэ гуп щхьэхуэ (и бжыгъэкIэ блы мэхъу).
    * Вагъуэзэшиблым зигъазэмэ, нэху мэщ. (погов.)

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > вагъуэзэшибл

  • 6 вагъуэкIапсэ

    (хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ) созвездие Андромеды
    / Уэгум и ищхъэрэ лъэныкъуэм щыплъагъу вагъуэ гуп щхьэхуэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > вагъуэкIапсэ

  • 7 вагъуэщэлъахъэ

    (хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ) созвездие Стрелы
    / Шым иралъхьэ щэлъахъэм хуэдэу плъагъу вагъуэ гуп.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > вагъуэщэлъахъэ

  • 8 мэзытхьэ

    ( хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ) миф. бог леса у древних адыгов-язычников
    / Мажусий диным ита ижьрей адыгэхэм мэзхэм я тепщэу къалъытэу щыта тхьэ.
    * - Мэ, Бэдынокъуэ, бажафэр уэращ зыхуэфащэр - жиIэри Мэзытхьэ бажафэр Бэдынокъуэ къритащ. Нарт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > мэзытхьэ

  • 9 нэхущвагъуэ

    / Вагъуэшхуэм ещхьу нэхущым IупщI дыдэу плъагъу планетэ.
    Нэхущвагъуэр къыщIэкIащ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > нэхущвагъуэ

  • 10 шыхулъагъуэ

    / Жэщым уафэгум лъагъуэм хуэдэу щыплъагъу вагъуэбэ куэд зэхэт.
    * Уафэм сыдэплъеймэ, Шыхулъагъуэр, Вагъуэзэшиблыр.. къэслъыхъуэу, абыхэм нэIуасэ захуэсщIу сыхэлът. Щ. А. Щыгъэ бла Iэджэу уэгу щхъуантIэм вагъуэ щыкъуейхэр ипхъауэ Шыхулъагъуэр кусэу пхрокI. Къэб.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > шыхулъагъуэ

  • 11 ахъшэм

    устар. 1. сумерки ( время после захода солнца)
    / Пщыхьэщхьэ, пшапэ зэхэуэгъуэ.
    Ахъшэм кIыфI хъуащ.
    * Ахъшэм хъуауэ, вагъуэр лыду, Мес, уафэгум къитIысхьащ. Щ. А. Дэ пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ ахъшэм кIыфI пщIондэ дылажьэу дыздыхэтым, зауэ хъыбар фIэкI нэгъуэщI псэлъафэ диIэжтэкъым. Iуащхь.
    2. намаз, совершаемый после захода солнца
    / Зы жэщ-махуэм еплIанэу ящI пщыхьэщхьэ нэмэз.
    Ахъшэмыр блэкIащ. ЛIыжьым ахъшэм ищIу тетт.
    ахъшэм вагъуэ (хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ) Марс
    / Ахъшэмым деж плъагъу вагъуэшхуэ.
    Ахъшэм вагъуэр къитIысхьамэ, хэщхьэжыгъуэ хъуауэ къалъытэрт.
    * Уафэ джабэм кIэрыщтхьауэ Ахъшэм вагъуэр щIылъэм къыхуонэщхъеих. Ш. А.
    ахъшэм нэужь время после сумерек до наступления темноты
    / Пщыхьэщхьэм кIыфI хъуным и пэ къихуэ зэман.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > ахъшэм

  • 12 дыгъэ

    / ЩIы хъурейр зыгъэнэху, зыгъэхуабэ планетэрщ. Дыгъэ къыкъуэкIыгъуэ. ЩIыр Дыгъэм и хъуреягъкIэ къокIуэкI.
    * Дыгъэр пшэм щIилъафэкIэ, ункIыфIыркъым. (погов.) Дыгъэр лъагэу уафэгум къиуват, дуней псом жьыи псыи щызеуэ хуэмыдэу махуэм и хуабэгъуэт. Iуащхь. Аузым и адрыщIкIэ къыщыт къурш лъагэшхуэм дыгъэр щхьэщымыхьауэ хуэмурэ екIуэтэхырт. Т. Хь.
    2. солнце, свет, тепло
    / Дыгъэм къыбгъэдэкI нэхур, хуабагъэр.
    ЖьыщIыгъэр дыгъэм щедзын. Алэрыбгъум дыгъэ егъэун.
    * Хьэмид и джанэ дыгъэм трихыжар и щIыбагъ бгырыпхымкIэ зэлъикъусурэ нащхьэ къысхуищIащ. Iуащхь.
    / ЯгъэлъапIэ, фIыуэ ялъагъу цIыхум зэрызыхуагъазэ псалъэ гуапэ.
    Дыгъэ бзий солнечный луч.
    * Уэгум щызэрызехьэ пшагъуэ гуэрэным къыпхидзурэ дыгъэ бзий хуабэхэр щIы щхьэфэм къытредзэ. Iуащхь.
    Дыгъэ зытегъэпсэн принимать солнечную ванну. Дыгъэ нэбзийр уэсэпс зытрищIа удзым топщIыпщIэ. Щ. Ам.
    Дыгъэ темыгъэпсэн держать взаперти кого-что-л.
    Дыгъэ хьэвэ кубано-зеленчукские см. гъуэз.
    Дыгъэм зегъэун греться на солнце, загорать.
    * Языныкъуэ шыщIэхэр дыгъэм зрагъэухэу джабэм бгъукIэ кIэрылъхэт. Къ. Хь.
    Дыгъэр иубыдын затмиться-о солнце.
    Дыгъэр къепсын светить-о солнце.
    Дыгъэр къоIых припекает-о солнце.
    Дыгъэр къыдэкIуэтеин подняться-о солнце. Дэ зыдужьыху, дыгъэр фIыуэ къыдэкIуэтеящ.
    Дыгъэр къыкъуэкIын взойти-о солнце.
    Дыгъэр мэдзакъэ припекает-о солнце (букв. солнце кусается).
    Дыгъэр тенэцIыхьын клониться к закату-о солнце.
    * Дыгъэр тенэцIыхьауэ бгъэдыхьащ кIэмыргуей щIалэр ГъущIыпсэ и куэбжэм. КI. Т. Пщыхьэщхьэ дыгъэр тенэцIыхьырт. Iуащхь.
    Дыгъэ пэзэз(э) солнце в зените
    / Махуэ хуабэ дыдэу дыгъэр щхьэгум щит.
    * Мы дыгъэ пэзазэм щхьэ губгъуэм уит, си къуэш?! Къу. С.
    II пригожий
    / ТеплъэфI зиIэ.
    Сабий дыгъэ. Дыгъэ бын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > дыгъэ

  • 13 зекIуэтхьэ

    миф. ( хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ) бог-покровитель конников, совершающих набеги, походы
    / ЗекIуэ кIуэхэр зыхъумэ тхьэ.
    Къытхурехъумэ ди зекIуэ шухэр зекIуэтхьэм. фольк.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зекIуэтхьэ

  • 14 лъэпщ

    / Нарт хъыбархэм хэт гъукIэ IэщIагъэм и тхьэ.
    Лъэпщ и уадэр къытихуэ. Лъэпщ и уадэу хьэлъэщ.
    * Арыкъшу мафIэ уиIэ? - ЛъэпщкIэ соIуэ симыIэ. Нарт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > лъэпщ

  • 15 уащхъуэ

    1. см. уафэ.
    * Бгъащхъуэр уащхъуэ лъагэм щохуарзэ. Пьесэхэр.
    2. устар. (хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ) бог неба у адыгов
    / Пасэрей адыгэхэм я тхьэ.
    * Уащхъуэ соIуэ симыIэ. фольк.
    Уащхъуэ къан клянусь богом.
    * Уащхъуэ къан, симыIэми фхуэсщIэнщ, - жиIащ Сосрыкъуэ. Нарт.
    Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ = уащхъуэ къан.
    * {ПщIэгъуалэм:} - Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ, уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъункIэ. Нарт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > уащхъуэ

  • 16 цIэ

    I 1. имя
    / Къалъхуа нэужь иреджэну фIащыр.
    * Зи цIэр жаIэу зи щхьэр лъапIэу Сызылъыхъуэр уэ уи нысэщ. Къэб. ЦIыхур лIэмэ, и цIэр къонэри, выр лIэмэ и фэр къонэ. (погов.)
    2. звание
    / Зыгуэрым и къулыкъур, щIэныгъэр кърагъэлъэгъуэну фIа.
    * Нэгумэм дин еджапIэр къеухри молэ цIэр кърат. Ад. нар. и тхыдэ.
    3. название
    / Хьэпшыпхэм, псэущхьэм, къэхъукъащIэхэм, н. къ. фIащауэ зэреджэ.
    * КIыгуугу и цIэ иреIуэж. (погов.) - Мы сывгъэшхар хуабжьу сигу ирихьащи емыкIу сыкъэвмыщIу и цIэр къызжефIэ, - жиIащ Бэджынэ. фольк.
    ЦIэ зехьэн носить имя.
    И цIэ иIуэн (къиIуэн) 1) назвать чье-л. имя.
    * Зи цIэ ираIуэ бжэщхьэIум тесщ. (погов.) 2) отметить кого-л. с положительной стороны 3) преподнести кому-л. подарок.
    ЦIэ фIэщын назвать кого-л., дать имя кому-л.
    И цIэкIэ от имени, по поручению кого-л. ; ссылаясь на кого-л.
    * Иджыри дэ зэ абы и деж дыкIуэнщи къызэхуэса псоми я цIэкIэ делъэIунщ. Ад. таур.
    И цIэр къэIэтын 1) поднять чей-л. авторитет.
    * ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр нэхъри къэIэтын, нэхъри гъэлъэпIэн хуейщ. Iуащхь. 2) затронуть чье-л. имя (напр. в беседе, на собрании).
    И цIэр Iун стать известным, прославиться.
    цIэ зэдай грамм. имя нарицательное
    / Зэщыщхэм, зэлъэпкъэгъухэм я цIэ.
    цIэ лей прозвище
    / Зыгуэрым (цIыхум) и цIэ дыдэм нэмыщI фIащыр.
    цIэ лейкIэ еджэн.
    цIэ уней грамм. имя собственное
    / ЩыIэцIэ унейхэм ироджэ; фIэщыгъэцIэ.
    ЦIэ унейхэр щатхкIэ хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ.
    II вошь
    / Мыкъэбзэныгъэм къыхэкIыу цIыхухэм, Iэщхэм, джэдкъазхэм, н. къ. яхищIэ хабзэ хьэпщхупщ цIыкIу.
    * - Ашэщауэхэ щыщу зы делэжь къэнащи щIыунащхьэм цIэ йоплъри тесщ, - жиIэрт иныжьым. фольк.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > цIэ

  • 17 щIы

    / Ещанэу Дыгъэм пэщыт, цIыхухэр, псэущхьэхэр щыпсэу планетэ.
    * Дунейм щIалэгъуалэу тетыр фызэгухьэм, ЩIым мамырыгъэр тепщэ щыхъунщ. Iуащхь.
    2. почва, верхний слой земной коры
    / ЩIы хъурейм и щхьэ къат и щIыIу.
    * Сенрэ Мэзанрэ ныбэгукIэ щIым зыхадзэри тIэкIурэ щылъащ, хьэкъей гуэрэн лъахъшэм хэлъу. Ж. Б.
    3. еплъ щIыгулъ. ЩIы фIыцIэ. ЩIы пшэр.
    4. страна
    / Къэрал, хэку.
    Нэмыцэр ди щIым къихьэгъащ.
    ЩIы зэдэшх хъун оказаться равными по силе ( в национальном виде борьбы). ЩIалитIыр зэбэныхукIэ зэрытемыгъакIуэу щIы зэдэшх мэхъу.
    ЩIы фIыцIэм ихун сжить со света. Дзэ узым щIы фIыцIэм ирихун.
    ЩIы фIыцIэжьым щIэгъэлъэдэн закопать в землю, сжить со света.
    * Ар губжьащи щIы фIыцIэжьым ущIигъэлъэдэнщ.
    ЩIы фIыцIэм щIыхьэн провалиться сквозь землю.
    * - Елдар гъусэ щIыи зегъэхь. ЩIы фIыцIэм щIыхьами, къэгъуэт, - жиIащ {Инал}. КI. А.
    ЩIы хъурей земной шар.
    ЩIы щхьэфэ хъун! дай бог, чтоб ты превратился в прах! ( проклятие).
    ЩIым и гъунэ очень далеко; за тридевять земель. ЩIым и гъунэ щыIэн.
    ЩIым икIыжын исчезнуть, пропасть.
    ЩIым кIуэцIрыхун = щIы фIыцIэм щIыхьэн.
    ЩIым нэмыгъэсу зехьэн (лъагъун) безмерно любить, лелеять кого-л. ; с любовью и уважением относиться к кому-л. (напр. к родителям).
    * Зым нэхърэ адрейр нэхъ лIыхъужьу дэлъхуибл иIэт хъыджэбзым, икIи я шыпхъу закъуэр абыхэм щIым намыгъэсу ялъагъурт. Ад. таур.
    ЩIым псэ къыхэхьэн пробуждаться с наступлением весны ( о почве). ЩIым псэ къыхэхьэмэ, жыласэм щIадзэ.
    ЩIым пхрыхуам нэхъ къэщтэн предпочесть что-л. чему-л.
    * Фызыр апхуэдизкIэ укIытати, щIым пхрыхуам нэхъ къищтэнт.
    ЩIым щыщ щIыжын сровнять с землей. Унэ цIыкIур щIым щыщ ящIыжащ.
    ЩIым щIэпщхьэным хуэдэу = щIым пхыхуам нэхъ къэщтэн. ЩIым щIэпщхьэным хуэдэу укIытэн.
    ЩIым щIэхуэн = щIы фIыцIэм ихун.
    * ЩIыр бжьэкIэ къепщри, къыпыщым тоувэ. Ад. таур.
    ЩIыр бзэгупэкIэ егъэбзеин = щIыр лъэдакъэпэкIэ егъэвэн нагнать страху.
    ЩIыр гъэпшэрын удобрять землю. ЩIыр куэншыбкIэ ягъэпшэр.
    ЩIыр зэгуэхуу я кум дэхуэн. Провалиться сквозь землю.
    * Иныжьыр абдеж иIэпхъукIри щIыр зэгуэхуу я кум дэхуа фIэкIа умыщIэну бзэхащ. Ад. таур.
    ЩIыр зехьэн ухаживать на землей.
    ЩIыр хъеин трястись ( о земле).
    ЩIыр щхьэцыкIэкIэ егъэпхъэнкIын = щIыр лъэдакъэпэкIэ егъэвэн.
    * Дарихъан сымаджэ хьэлъэу, уз къыхэлъадэм и кIуэцIыкIыщIэр ичатхъэр гызу, хуэмышэчыжу щIыр IэгуфэкIэ игъазэу зепщыпщэу.. {щытащ}. КI. Т.
    щIы гъунэ 1. край земли, край света
    / Дунейм и гъунэ, и кIэ.
    * - ЩIы гъунэм фыкIуэми, фысIэщIэкIынкъым, - жиIэрт иныжьым. фольк.
    2. граница
    / Зыгуэрым бгъэдэлъ щIыр щиух.
    * Вгъэбыдэ фи Iуэхур щIы гъунэм, Вгъашхэ шагъдийхэр. П. Б.
    щIы кIапэ см. щIы гъунэ.
    * Индыр хъаныр тхьэгурымагъуэт, и щIы кIапэ къытехьэр занщIэу къищIэрт. фольк.
    щIы къат слой, пласт земли
    / Хэлъ пкъыгъуэхэм елъытауэ, плъыфэкIи щытыкIэкIи щIыр IупщIэ-IупщIэу зэрызэщхьэщыкIхэм ящыщ зы.
    Лъэпщ и сыджыр щIы къатибл и кууагъыу хэтIат. Нарт.
    щIы къатибл религ. ад, преисподняя
    / Диным къызэригъэлъагъуэмкIэ лIахэм я псэр здэкIуэж щIы щIагъым щыIэ дуней; ахърэт.
    * -ЩIы къатиблым къыщIэпхами къэгъуэт, - аращ Инал жиIар. КI. А.
    ЩIы къатибл ухъу провались ты в тартарары.
    ЩIы къатиблкIэ щIэулъадэ = щIы къатибл ухъу.
    ЩIы къатиблым ежэхын = щIы къатибл ухъу.
    ЩIы къатиблкIэ кIуэцIрыхун = щIы къатибл ухъу.
    щIы ныкъуэхь наем земельного участка с выплатой половины урожая хозяину
    / Бэджэндэу къащта щIы Iыхьэ, гъавэу къытрахым и ныкъуэр щIыр зейм ептын хуейуэ.
    / Зи кIэбдз лъакъуитIыр нэхъ кIыхь губгъуэ дзыгъуэ лъэпкъ.
    щIы шэуэжа залежная земля
    / Явэу щытауэ илъэс зыбжанэкIэ ямывэжа, зытемылэжьыхьыжа щIы Iыхьэ.
    ЩIы шэуэжахэми гъавэ тращIэу щIадзэжащ.
    щIы щхьэфэ поверхность земли
    / ЩIым и щхьэ къат.
    щIы щIагъ подземелье
    / ЩIым и щIагъ.
    II устар. зима
    / Гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ яку дэлъ щIыIэгъуэ зэман; щIымахуэ.
    Гъэрэ щIырэ зэхэкIа нэужьщ жылэр щIым щыхалъхьэр.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > щIы

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»